| 1 |
Зытхыжар-КЪЭРМОКЪУЭ Хьэмидщ. Зыл1 фыз бзаджэ и1эт. Фыз бзаджэр хуэмыхьыж хъуащ л1ым, и щхьэр иригъэужэгъуащ. Хуэмыхьыж щыхъум, фызыр игъэк1уэдын мурад ищ1ащ л1ым. Зэригъэк1уэдын 1эмал къыхуэмыгупсысурэ, зыбжанэрэ ек1уэк1ащ. «Мэзым къыздэсшэнщи, фызыр мащэм издзэнщ»..,. |
| 2 |
- жери игу ирилъхьащ л1ым. Мащащхьэм чы т1эк1у трилъхьащ, пщ1ащэ трикъухьыжри, къежьэжащ, гъуэмылалъэм из мы къыздихьри. Мыр фыз бзаджэм игу ирихьащ. - Мыф1эк1а щхьэ къыумыхьарэ? - къыхуилъащ фызыр - Гъуэмылалъэм ихуар аращ, - жи1ащ л1ым Матэ къищтэри, фызыр мэзым к1уащ, мей жыгыр къыщиудыным мащэм ихуащ. |
| 3 |
Зыбжанэ дигъэк1ри, л1ыр фызым к1элъыдэк1ащ: «И 1уэху зэрыхъуам сеплъынщ», - жери. Мащэм щыщхьэщыхьэм, к1ий-гуо макъ зэхихащ л1ым. Мащэм иплъэри, благъуэ къы1эщ1элъэгъуащ: благъуэм гузэвэгъуэр телъщ - фызым бжэгъу трекъутэ. Къурагъ иригъэжэхри, благъуэр мащэм къришащ л1ым - и щхьэм ирилъытащ. |
| 4 |
«Сыкъэплъэгъуакъым, услъагъужакъым! - жери благъуэр ежьэжащ - Зэм-зэм укъызихьэл1эмэ, уи хьэтыр слъагъужынщ» Фызыр мащэм къринэри, л1ыр и унэ к1уэжащ Псыщхьэм дэк1уейри, благъуэм псыр иубыдащ Псыр благъуэм щиубыдым, жылэр гузэвэгъуэ хэхуащ Л1ыр благъуэм деж к1уащ: - Жылэр зэтол1э, псыр къэут1ыпщыж, - жери. |
| 5 |
Л1ым и хьэтыр къилъагъури, благъуэм псыр къиут1ыпщыжащ. Зыбжанэ дигъэк1ри, псыр иубыдыжащ благъуэм. Жылэр гузэвэгъуэ хэхуэжащ. - Уэр ф1эк1, благъуэм зи хьэтыр къилъагъун щы1экъым: псыр къытхуегъэут1ыпщыж, - жра1ащ л1ым. Л1ыр благъуэм деж к1уащ: - Си хьэтыр къэлъагъу иджыри: псыр къэут1ыпщыж. |
| 6 |
Псыр къиут1ыпщыжащ благъуэм, арщхьэк1э, зыбжанэ дигъэк1ри, аргуэрыжьти, иубыдыжащ. Жылэр гузэвэгъуэм хэхуэжащ. Сыт ящ1энт: л1ым деж к1уащ жылэр: - Псыр къытхуегъэут1ыпщыж, - жари. - Си хьэтыр аф1эк1а къилъагъужынукъым, - жи1ащ л1ым. - Л1о-т1э тщ1энур? И фызыр игу къэк1ыжащ л1ым: - Хъунщ, иджыри зэ сыфхуелъэ1унщ благъуэм. |
| 7 |
Псыщхьэм дэк1уейри, л1ыр благъуэм еджащ: - Уи унагъуэбжэр зэрыхуэпщ1ыжар пщ1эрэ? - жери - Сыт къэхъуар? - и псэр 1ук1ащ благъуэм - Фызыр мащэм къик1ыжащ! - Фызри?! - Нт1э! Уи щхьэр зэрыхэпхын, маржэ! - Ар мащэм къик1ыжамэ, сэ мы дунейм сишх щы1эжкъым! - жери благъуэм бгым зыщидзыжащ. |
| 8 |
Гуащэмахуэ и тхьэусыхэ. Гуащэмахуэ и хъыбару ди нэхъыжьхэм ди зэманым къахьэсар икъук1э мащ1эщ. А хъыбар мащ1эу къахьэсауэ Къэбэрдейми, Псыжь лъэныкъуэми, Щхьэгуащэ лъэныкъуэми щыттхыжауэ щы1эр зэтехуэркъым. А т1ур щ1эх-щ1эхыурэ зэк1элъык1уэрт. Зэгуэрым зыр адрейм деж к1уауэ и фызыр лъхуауэ ирихьэл1ащ. |
| 9 |
«Си ныбжьэгъум уи къуэм Джатэгъэжь ц1эуэ ф1ызощ», - жи1эри ф1ищащ. Абы иужьк1э куэд дэмык1ыу къуэ къызыхуалъхуауэ щытар мыдрей и ныбжьэгъум деж къэк1уауэ, мыбыи къуэ къыхуалъхуауэ кърихьэл1ащ. «Апхуэдэу щыхъуак1э, уи щ1алэми Джатэгъэжь ф1ызощ», - жи1эри ф1ищащ. Къыздэк1уэжу гъуэгу здытетым щ1алэм щ1егъуэж къихьащ. |
| 10 |
«Сыт щхьэк1э нэуэжьыр къэзгъэгугъа, си ныбжьэгъур къигъак1уэми, къахихынур Гуащэмахуэщ, апхуэдэу щыхъуак1э езгъэлъагъункъыми зэф1эк1ащ», - игук1э жи1эурэ к1уэжащ. «Нэгъак1уэ къызэрысыжу» жи1ати, и ныбжьэгъур къык1элъык1уащ. Мыдрейм и ныбжьэгъур игъэхьэщ1ащ, игъэлъэп1ащ. |
| 11 |
Джэгум ишэри къуажэм хъыджэбзу дэсым яхигъэплъати, езыр зыпылъ Гуащэмахуэр къахихащ. Гуащэмахуэми къэк1уа Джатэгъэжьыр игу ирихьри дэк1уэну арэзы хъуащ. - Сыщ1эгъуэжащ, абы удэмык1уэу сэ къыздэк1уэ, - щыжри1эм, Гуащэмахуэ идакъым. - Ар дауэ хъун? Апхуэдэ емык1у щхьэ жып1эрэ? |
| 12 |
Ар ущимурадым къысхуэпшэу сыт щхьэк1и къыспыбгъэхьа? Жумы1эххэ! - жи1ащ Гуащэмахуэ Арщхьэк1э, апхуэдизк1э ехъуэпсэжат, щ1эгъуэжати, шу гуп зригъэпэщри, теуэри Гуащэмахуэр ирихьэжьащ Бзэгур куэдрэ, нэчыхь зыхуи1э Гуащэмахуэр и ныбжьэгъур къепц1ыжу зэрырихьэжьар псынщ1э дыдэу мыдрей Джатэгъэжьым зэхихащ. |
| 13 |
Абыи шу гуп зригъэпэщри хабзэк1э и щхьэгъусэ хъуар къытрихыжыну яужь иуващ. Щ1эупщ1эмэ, «мо къуажэм ихьащ» къыжра1эмэ, адрейм а къуажэм дихым нэгъуэщ1ып1э ихьурэ куэдрэ къызэрехуэк1а нэужь, Ахъмэтыбгым, «Ахъмэт и фо изщ» жыхуа1э бгым и жьэгъум, бланафэ шэтыр щыхуищ1ауэ щыпсэууэ къигъуэтащ. |
| 14 |
Пхъэрыр щытеуэм, Гуащэмахуэр къызэригъэувэк1ри, езым Ахъмэт и бгыхумк1э щитхъури ежьэжащ. Мыдрейм пщащэр къихьри къэк1уэжащ. Ауэ, 1936 гъэм Мэзкуу къыщыдэк1ауэ щыта «К.ф.» тхылъым Гуащэмахуэм и хъыбар итым Джатэгъэжьит1ым я унэц1эр къыщыгъэлъэгъуащ. Ахэр Хъырцыжь Джатэгъэжьрэ Хъырзэдж Джатэгъэжьрэщ. |
| 15 |
Зы махуэ гуэрым Хъырзэджыр Хъырцыжьым деж къэк1уащ: «си ныбжьэгъури къэслъагъунщ, щхьэгъусэ схуэхъун пщащэ къысхудихми, къэсшэнщ», - жи1эри. Мыдэк1э Хъырцыжьым и ныбжьэгъур адыгэ хабзэк1э иригъэблэгъащ, хабзэрэ нэмысрэ хуищ1у игъэхьэщ1ащ. - жи1эри. - жи1ащ хьэщ1эм. |
| 16 |
- Яхэтащ, си ныбжьэгъу, ауэ уэ гу лъыптагъэнкъым ахъумэ! - жи1ащ бысымым - Ат1э, сэ абы ф1эк1а нэгъуэщ1 къэсшэну сыхуейкъым, дыгъэгъази сегъэпсалъэ а хъыджэбзым, - жи1ащ Бысымми, къысхуэгъэгъу, ар сэ си къэшэнщ жи1акъым Хъырцыжьым игугъащ «сэ къэсшэну сыщепсэлъак1э, ар си ныбжьэгъум дэк1уэнкъым» жыхуи1эу. |
| 17 |
Гуащэмахуэ хьэщ1эщым ираджэри хьэщ1эм Гуащэмахуэм гу зэрыхуищ1ар жыри1ащ. Иджыри къэс Хъырцыжьым ишэну жи1эу къепсалъэу щытауэ, иджы хьэщ1эр зэрыриут1ыпщар Гуащэмахуэми гузэрыдзэ щыхъуащ. Хъырзэджри Хъырцыжь зыпылъым нэхърэ зык1и мынэхъ 1ейуэ щ1алэ дэгъуэт.» - жи1эри, хьэщ1эщым къыщ1эк1ыжащ. |
| 18 |
Шууит1ыр шэсыжри дэк1ыжащ. Хьэщ1эр зэрыригъэжьэжу къигъэзэжри, Хъырцыжьым Гуащэмахуэ ирихьэжьащ. Апхуэдэу хуэмыфащэу лей къызэрылъысам щхьэк1э, уэрэдыр иусащ жа1э. Псыжъ лъэныкъуэ къэ1отэгъуэ. Псыжъ лъэныкъуэм зэрыжа1эмк1э, Тэрчи, Лабэи, Псыжьи - а псыхъуищым я зэхуакум Гуащэмахуэ нэхъ дахэ бзылъхугъэ дэсакъым. |
| 19 |
Гуащэмахуэ и уэрэдыр къызэрежьэрэ зэман куэд дэк1ауэ, Хьэт1охъущокъуэм мурад ищ1ащ, абы и уэрэдыр пц1ырэ пэжрэ зэхигъэк1ыну. И уэркъхэм ящыщ Къэрабэ и къуэм ипщэ ирилъхьэри иут1ыпщащ: - Мы Гуащэмахуэр дунейм тетмэ къэгъуэти, мы уэрэдыр пц1ырэ пэжрэ къысхуэщ1э! - жи1эри. |
| 20 |
Къэрабэ и къуэм къик1ухьурэ Гуащэмахуэ жьы хъуауэ къигъуэтри и пщэ къралъхьа 1уэхур щыжри1эм, Гуащэмахуэм мыр къыжри1ащ: - Пэжщ, уэрэдыр зыусари сэращ. Уэрэдым хэт псалъэхэри пэжщ. Япэ сезыхьэжьа Джатэгъэжьым мы 1элъыныр къысхуигъанэри езыр Истамбыл ик1ыжауэ щытащ. |
| 21 |
Мыдрейуэ сыкъытезыхыжауэ щытам срищхьэгъусэу дыпсэуурэ, абы сыкъызэрытрихыжам щхьэк1э, ар япэрейм и ныбжьэгъухэм яук1ащ. Сэри зыми сахудэмык1уэу сыщысу, япэ сезыхьэжьауэ щытар Истамбыл къик1ыжри, къыслъыхъуэурэ сыкъигъуэтри, сишэжри л1эжыху дызэдэпсэуащ, - къыжри1ащ Къэрабэ и къуэм, - жа1э шэрджэсхэм. |
| 22 |
Уэрэдыр. Л1ым я леймрэ рэуиуа, а-а, шым я леймрэ. Айра, сынырахьэжьэри, рэуэ ией, Уой, сы-Гуащэмахуэт, уэр, сэрмахуэ, Уойрэщ, жыф1эркъэ, сыгуащэ хужьт, ат1э! Сыгуащэти, рэуиуа, а-а, сы-Гуащэмахуэт Айрэ, сыгуащэ хужьти, рэуэ ией, Уой, сырамыхьэхыурэ, уэр, сэрмахуэ Уойрэщ, жыф1эркъэ, сыгъэрт, ат1э!. |
| 23 |
Сырымэурэ, рэуиуа, а-а, си зэпэщ1ы1ури. Айра, мы жэщ мазэхэми, рэуэ ией, Уой, зэрогъэлъэлъри, уэр, сэрмахуэ, Уойрэщ, жыф1эркъэ, сы-Гуащэмахуэт сэ! Си нэпсит1ыр, рэуиуа, а-а, къысф1елъэлъэхыурэ, Айра, си адэм и унэми, рэуэ ией, Уой, сыдумыхащэрэт, уэр, сэрмахуэ, Уойрэщ, жыф1эркъэ, сы-Гуащэмахуэт сэ!. |
| 24 |
Къуажэ-къуажэурэ, рэуиуа, а-а, сызыдэпхьэмэ, Айра, «К1ахэ хьэщ1эщ» жа1эри, рэуэ ией, Уой, си напэ хужьри, уэр, сэрмахуэ, Уойрэщ, жыф1эркъэ, къысхуагъэуц1ыплъ, ат1э! Алътесымрэ, рэуиуа, а-а, чэсеймрэ Айра, мы бжьыхьэ жэпыми, рэуэ ией Уой, къызогъэгъэфри, уэр, сэрмахуэ, Уойрэщ, жыф1эркъэ, сы-Гуащэмахуэт сэ!. |
| 25 |
Анидолэурэ, рэуиуа, а-а, си фэ плъыжь вакъэри, Айра, жэщырык1уэными, рэуэ ией, Уой, къысхуегъэуф1ыц1ри, уэр, сэрмахуэ, Уойрэщ, жыф1эркъэ, сы-Гуащэмахуэт сэ! Къутыным хуэдэурэ, рэуиуа а-а, си бгъафэ хужьмэ, Айра, Джатэгъэжьит1ри, рэуэ ией, Уой, щызэблызохъури, уэр, сэрмахуэ, Уойрэщ, жыф1эркъэ, сы-Гуащэмахуэт сэ!. |
| 26 |
Щолэхъужьурэ, рэуиуа, а-а, шы гъуабжэ к1эщ1ри, Айра, зэдэдишэнтти, рэуиуа ией, Уой, бланафэ шэтырри, уэр, сэрмахуэ, Уойрэщ, Ахъмэт и жьэгъум къыщысхуоухуэри! ИНЭ МЫКЪУЭ ДЫГЪУЖЬЫЖЬЫМРЭ ХЬЫДЖЭБЗ Ц1ЫК1УМРЭ Хьэц1ык1у Хьэсэн Къуажэ гуэрым К1унэк1э еджэу зы хъыджэбз ц1ык1у дэст. |
| 27 |
Абы и адэшхуэм пищ1 щымы1эу ф1ыуэ илъагъут. Дадэ сымаджэу хэлъти пыжь мэрэзей хэдзауэ шей т1эк1у сефэнт жи1эу К1унэ зэхихащ. Ар щызэхихым и адэшхуэм хуищ1а чы матэ гъэщ1эрэщ... 1ар къищтэри, хъыджэбз ц1ык1ур мэзым пыжьыхьэ к1уащ. Мэзыр къуажэм пэжыжэтэкъым. Мэз гъунэр ек1уэк1ыу пыжьей чыцэшхуэт. |
| 28 |
Пыжьри хъуауэ и ф1ыгъуэ дыддэт, хуабжьуи бэгъуат. К1унэ и чы матэ ц1ык1ум из ищ1ауэ къыщежьэж дыддэм мэзым къыщ1эк1ри зы дыгъужьыжь, и нит1ыр плъыжь хъужауэ къыбгъэдыхьащ. -- Усшхынкъэ иджы, хъыджэбзфжь ц1ык1у, сыт си мэзым укъыщ1эк1уар? жи1ащ дыгъужьыжьым Арщхьэк1э К1унэ шынэу щ1эпхъуэжакъым ик1и гъакъым. |
| 29 |
Абы хуэм дыддэу дыгъужьыжьым жыри1ащ. -- Уей дыгъужьыжь сыпшхынк1э амал закъуэ имы1э. Си дадэ сымаджэу хэлъщи пыжь мэрэзей хэдзауэ шей езымгъафэу хъунукъым. -- Сыт мыбы пыжьти дадэти жыхуи1эр? Сэ сыдыгъужьщ, сыдыгъужьыжьщ Къэгубжьащ щхъуэжьыр -- Солъагъу узэры дыгъужьыжьри, ауэ сыпщышынэкъым. |
| 30 |
Уэ сэ ф1ыуэ узолъагъу, ф1ыуи узоц1ыху. Си дадэ къалэм къысхуриха Анэдэлъхубзэм сытым хуэдэу уи сурэт дахэ куэд ит уигугъэ! Уэ сытым хуэдэу дахэу уит а си тхылъым, мыпхуэдэу у бацэжб щхьэк1э Хъыджэбз ц1ык1ум жи1ахэм дыгъужьыжьыр гумащ1э къищ1ащ -- Си сурэт уи1эуи? хуабжьу игъэщ1эгъуащ щхъуэжьым. |
| 31 |
-- Си куэдыжьщ. -- Гъэщ1эгъуэнщ. Псоми жа1э сэ сышынагъуэрэ сы1ейжьу... Псори къысщошынэ! -- Хьэуэ, хьэуэ дыгъужьыжь ахэр уиф1эщ умыщ1 Уэ пхуэдэу дахэ мы мэзым зы хьэк1экхъуак1эй щ1эскъым Дыгъужьыжьым и нэпсым къызэпижыхьащ Ар щилъагъум К1унэ ц1ык1у мажьэ плъыжь къырихри абы иц бацэу зэхэзэрхьар дахэу хуижьащ. |
| 32 |
-- Тобэ тобэ! Хэт и гугъэнт сэ мыпхуэдэу ц1ыхум ф1ыуэ сыкъалъагъуу Къыщ1ож дыгъужьыжьым и нэпсыр -- Тобэ -- Укъалъагъу къудей, уэ ухэмыту зы таурыхъ жыт1экъым Толъэщ1ыхь К1унэ -- Хэтщ жып1а сымаджэр, дахэ ц1ык1у? Щ1оупщ1э гумащ1э дыддэ хъуа щхъуэжьыр -- Си дадэ Пыжь мэрэзей хэдзауэ шей игу къихьащ... |
| 33 |
-- Хъунщ нт1э, к1уэж! К1уэжи уи дадэ мэрэзей хуэщ1 -- жи дыгъужьыжьым Мэрэзей хэдзауэ шей егъафэ Ар амал имы1эу хуэщхьэпэнущ -- Упсэу дыгъужьыжь Сэ уэри пыжь мэрэзей къыпхуэсхьынщ, жи1эри К1унэ ц1ык1у гуф1эу къежьэжащ Къущхьэ Жамботрэ Екъубрэ я тхьэусыхэ Дэ дыкъущхьэт, къущхьэм и жьанэм1 жи уей дыщалъхур. |
| 34 |
Дэ дыкъэзылъхугъэри дыщэк1 унагъуэти уей мэунэр. Дыунэнщ жыдо1эр иджы Дохъутэмыщей т1эк1умэ уей дыдохьэ. Дэ дызыдыхьам иджы ди чэнджэщэгъухэри уай димы1э. Дохъутэмыщхьэ ди1эт иджы, дэ ди нэ ди псэмэ уей къылъохъур. Зэшит1у дыхъурти, шыхъуэ-шыхэпщурэ уей дыра1эт. Къалэм ущык1уэк1э, щ1ак1уэм и ф1ыц1эри пщ1ыпщ1у пхузетхьэрт. |
| 35 |
Унэм укъэк1уэжмэ, шагъдийм и джабэри щ1этлъэщ1ык1ырт. Мэрем жэщыр къосыри, «Жамбот!» - жи1эурэ уой зы къоджэр Абы и джэ макъымэ Нэгурэшу дахэр жи уей доушыр Къимыгъэушынуэрэ шхы1эным и к1апэр жи уей хущ1еупщ1эр Жамбот л1ы пхъашэти, ар л1ы мышынэт иджы, уей щолъэтыр. |
| 36 |
Зы л1ы и фащэк1э Къущхьэ Жамботмэ уей зехуапэ. Нэгурэшу дахэр жи къыщылъэтауэрэ уей мэлъа1уэр: Ныжэбэризэмэ уэ ущ1эмык1ынк1эрэ ей солъэ1ур! Ар зи джэ макъымэ ф1ы игу имылък1эрэ, сэ си тобэщ! Маф1эгъуэ дэпри фочым и пащ1эк1э уай къыщ1етхъур Гынжьейм и пхъашэри, шыгъу к1анэм хуэдэурэ, тырегъащхьэ. |
| 37 |
Жэхафэгум щехк1эрэ Нэгурэшу дахэр жи ай поувыр: Сэ хьэтыр си1эмэ, щхьэлъанщ1эм папщ1эк1э уей къэгъанэ! Ар зи джэ макъымэ ф1ы игу имылък1эрэ, сэ си тобэщ! Ей, Нэгурэш, Нэгурэшу дахэ жи, ар сэ къызжумы1э: Лъхукъуэщо къэджамэ жи, сыт напэр си1эурэ уей сы1уплъэжыну? Бзэджэнаджэ къаджэмэ, нэджэ1уджэ сищ1ынщ жыс1эу, сышынэн, жи?. |
| 38 |
Уэ уи к1э къуащ1эк1э сыт хуэдиз махуэк1э уей суп1ын, жи? Жыгей бжэ1улъэри 1эгум и дакъэк1э уей 1уегъэпк1ыр Фоч гъэпк1ар и1ыгъыурэ Къущхьэ Жамботыри уей ныщ1ок1ыр Ф1ыц1агъищыр бзаджэурэ лъхукъуэщом и гуэщмэ уой щ1опк1эжыр Хьэщ1эщыжь к1ыф1ри фоч ф1ыц1э пащ1эк1э уей щ1ещык1ыр. |
| 39 |
Абы щимыгъуэтуэрэ Къущхьэ Жамботыри уей щ1ок1ыжыр. Ахьмэтым и жьэгури фоч ф1ыц1э пащ1эк1э уей щ1ыщык1ыр. Абы щимыгъуэтмэ Къущхьэ Жамботыри уей къок1уэжыр. Мы вэгъуэ удзри сыхьэт ф1эк1ыхук1эрэ уей къеубэ. А лъэхъэнэ дыдэмэ я хьэ гъуабжэжьри уей бгъэдохьэ. - Уей хьэ гъуабжэжьурэ хьэм яшхыжын жи, дэнэ ущы1ат уэ?. |
| 40 |
Мэзым дык1уамэ жи, вы щ1этт1ык1ахэри уэ тхуэбгъэхъурт; Унэм дыкъэк1уэжмэ, бжьэ 1эщын матищэмэ уэ урахъумак1уэт. Ныжэбэризэмэ мыбы къэк1уа закъуэри уэ щхьэ умыщ1арэ? Фочым и пащ1эк1э хьэ пэриижьмэ уей жьэхоуэ Хьэ гъуабжэжьыф1мэ зишхыхьыжыххэурэ уай йожажьэ Хьэ пэриижьри лъхукъуэщом я гуэщмэ уай ныщ1охьэр. |
| 41 |
Шухьэ цей къуащ1эри и жьэм жьэдэлъурэ уай къыщ1ехыр. Шухьэ цей къуащ1эри Жамбот и гуф1ак1эмэ уай деупщ1э. Къущхьэ Жамботыри лъхукъуэщом и гуэщмэ уай ныщ1охьэ. Гупхъэт1эк1у пащ1эмэ шэ упщ1этар иджы уей зэпхырегъэдзкъэ. Фочауищым бзаджэурэ къызэдагъэпсри уай къыздоуэр. |
| 42 |
Гъатхэ хьэпшыруэрэ Къущхьэ Жамботыри уай зопщыпщэ. Мы фоч макъымэ Нэгурэшу дахэр жи ей дохыщ1эр. Унэ къыщ1охьэжри, шыгъуэгу щхьэгъубжэмк1э уой йожэк1ыр. - Ей Екъуб, уи къуэшыжь закъуэри ей щы1эжкъым! - Уэ си нысэу псэ жи, сытуэрэ 1ейуэрэ укъызэщыхьэк1уэт! Щхьэпц1эрэ лъапц1эурэ, фоч пц1анэ и1ыгъыурэ уей къыщ1ожыр. |
| 43 |
Къущхьэ Екъубри Дохъутэмыщхэ дежк1эрэ уей ножэк1ыр. - Уей си къуэшыжь закъуэ, уай дуней, сытхэр къэхъуа, жи? - Абы къэхъуа лажьэмэ, уай маржэ, уэ ущ1эмыупщ1э Уэ уилъ пщ1эжынумэ, хьэ банэ макъымэ уай ирижэ! Ар пхуэмыщ1энумэ, Дохъутэмыщхэ дежк1эрэ уай сехьэк1, жи: Сэ тхьэ сыгъа1уэ жи, я джэд нэхъ мыхъуми, сэ силъ сщ1эжынк1э!. |
| 44 |
Жамбот къыщ1енэри, Къущхьэ Екъуб жи Дохъутэмыщхэ ножэр. Я хьэщ1эщыбжэри фочым и пащ1эк1э уай 1уеудыр. Я хьэщ1эщыжьмэ джэгуак1уэ Исупри уай щыжейрт, жи. Л1ы пц1анэ хэлъымэ Екъуб и фочри тырегъапсэ. Исуп щолъэтри Къущхьэ Екъубмэ уей къолъэ1ур: - Хамэлък1э уилъ умыщ1эжынумэ, маржэ, сэ сыхьэщ1эщ. |
| 45 |
Дэхьа-дэк1ак1эрэ ар ныщеупщ1ым жи, тхьэ къыхуе1уэ. Абы къыщ1ок1ыжри Дохъутэмыщхэ унэмк1э уей ножэк1ыр. Я тэхъуанэбжэри фочым и пащ1эк1э уей 1уеудыр. Жэхэфэгум тетуэрэ псы лэгъупышхуэри уей къыщ1ек1э: Пк1эм ныдолъейр иджы, хьэпшыпу телъыр зэбгредзыр. Зыкъыредзыхри, я л1ыжь-фызыжьхэри уей къыщехур. |
| 46 |
- Ныжэбэ 1уэхук1эрэ къыдэхьи-дэк1и дэ дымыщ1э. Уэ фи ф1ыр диф1къэ, уи бийр ди бийщ! - жари тхьэ къыхуа1уэ Екъуб къок1уэжри, и къуэшыр л1ауэрэ уей 1уощ1эжыр Жамбот и хьэдащхьэмэ Къущхьэ Екъубмэ псалъэ щетыр: - Къыплъыса лейри сымыгъэгъунк1эрэ, сэ Тхьэ со1уэ! Къуэшыр щ1елъхьэжри, махуищ даущмэ ар къыхэткъэ. |
| 47 |
Епл1анэ махуэмэ Екъуб щыдэк1мэ, и анэр к1элъоджэ: - Лъы зэращ1эжри мис мыбы хуэдэщи, уэ къеда1уэ: Уи адэм къыщ1энауэрэ гупэщ1элъ къамэри уэ зыдэщтэ. Зэуам ф1эмык1ыурэ адэ фок1эщ1ри къыумыгъанэ. Уи фоч к1ыхьит1мэ гынжьей 1эбжьыгури уэ ик1ут1э. Фок1эщ1ыр гъуапэмэ уэ къигъэжи бийм теубыдэ. |
| 48 |
Абы къыф1эк1мэ, маисэ къамэри уей щ1эщхъункъым. Укъыщ1эпхъуэжрэ уэ укъак1уэжми, узибынкъым. Екъубу хахуэри Налшыч къалэжьмэ уей ныдохьэ. Т1эк1у едзэкъэнурэ зы шхащ1э гуэрмэ уей ныщ1охьэ. Пщаф1эм бгъэдохьэри: - Псынщ1эу сыгъашхэ, жи, - ныжыре1э. - Ажафэ техынри къыспыщылъщи, сэ соп1ащ1э!. |
| 49 |
А шхап1э дыдэмэ джэгуак1уэ Исупри уей щохьэщ1э. Зыкъыхуегъазэри Къущхьэ Екъубмэ къыжыре1э: - Ей Екъуб, Екъуб ц1ык1уу хахуэ жи, л1ы ф1ыц1э ябгэ! Уэ уи ажафэри, уэ зэгъащ1э, ар техыгъуейщи, жи Уэрэд пхуаусынри, уэ ул1ыгъэншэмэ, ари тыншкъым Сыноплъыжыпэри уи бзэгу нэхъ папц1э жи уэ пк1эрылъкъым. |
| 50 |
Сытыгур уи1эурэ уэ убатэт, Екъуб л1ы ф1ыц1э? - Екъуб шхэхунк1эрэ хэку тетым бзэгухэри уей хуагъэсыр Шхэн имыухыурэ тетым и л1ык1уэхэр уей къегъэсыр: - Нак1уэт, нэтэджыт, ажафэ техри, уэ нэхъейт, жи! Тетыр къыпхуейщи, и губжьу бзаджэмэ дэ дыщ1ехуэ - Хэкум и тетмэ ар хуагъэсыжри уей мэхъущ1э. |
| 51 |
Ар мэгубжьыпэри и дамэщ1этхэри уей къыщ1ехур: - Хьэм къилъхуа ц1ап1эри зэк1уэц1ыпхауэрэ уей къысхуэфхь, жи! Ет1уанэ гуэрмэ тетым и л1ык1уэхэр пщ1эншэу мэк1уэжыр - 1эщэр къытефх! - жери абдежым щытхэмэ ящ1ок1ие Къущхьэ Екъубмэ: - Фэ фи мыхьэдэр фымыгъей! - жи - И щопщ т1ууащ1эмк1э Екъуб еуэну уей зешэщ1ыр. |
| 52 |
Екъуб фок1эщ1ри къырегъэц1эфтри уей хуеший, жи. Тетыжьыр мащтэри, шхап1эм щ1эт ст1олмэ уей тощахэ. Къэдабэ шэнтмэ и лъакъуэ шахэри уей щ1егъащ1э, Пк1элъейм йохуэхри, дзапэф1анищри уей 1уегъащхьэ. Къыщ1ок1 Екъубри, уэрам зэв гуэрымк1э уей ныдохьэ. Уэрамыр ят1эми, лъэс лъагъуэ закъуэр уей ныпхок1, жи. |
| 53 |
Пщ1эгъуалэ къуапц1эмэ майорыр тесурэ уей къыпхок1ыр. Екъубу щауэмэ, шур къамыс щ1ык1эрэ, ныжыре1э: - Уэ шы утескъэ, сэ сылъэсщи, уэ дэгъэх, жи! - Шыр димыгъэхыурэ Дохъутэмыщ майорри Екъуб бгъэдохьэ - Илъэсыщ1эу къихьэмэ унэзмыгъэсурэ уэ усл1ынщ, жи! Екъуб л1ы пхъашэти, и фок1эщ1ыжьри уей къырехыр. |
| 54 |
Пщы майор бзаджэмэ иреубыдыл1эри уей жьэхоуэ. Шэ мыубзэщхъужти, Дохъутэмыщ майорри шым йохуэхыр. Къамэр къырехри и гу бзаджэри уей кърехыр. Бжэгъу щхьэк1э гуэрмэ гур ныф1еупц1эри уей ножьэжыр. Пхъэр зэрогъэхъури, Къущхьэ Екъубмэ иужь йоувэ. Къайуэ зэпытурэ, Екъуб чэщанэмэ уей яф1охьэ. |
| 55 |
Бгъэдэхьэфынурэ зыл1 къахэмык1ыурэ къызэтреук1э. Ар щымыхъужмэ, къалэм топыжьри уей къырашыр. Ягъэшынэнурэ, гын ф1эк1 имылъуэ, уей зэ мауэ. Щахуэмышынэмэ, топым и шэрхъыр уей щ1ым хат1э. Яузэдыжри, щ1ыгур дэпсалъэуэ уей ягъауэ. Чэщанэ быдэри топышэ гуащ1эмэ уей долъалъэ. |
| 56 |
Къелъэлъэхахэми Екъубу хахуэри уей дощахэ. Екъуб и ук1ык1эри и анэжь тхьэмыщк1эмэ уей зэхехыр. - Ей Нэгурэш, уи пшынэр къащтэ жи, сыкъэгъафэт! - Нэгурэшу дахэмэ и пшынэр къещтэри къафэ йоуэ Л1ыгъэу Екъубмэ ищ1ам хуэгуф1эуэ и анэр щэ къофэ Л1ыгъэу Екъубмэ ищ1ам хуэгуф1эуэ и анэр щэ къофэ. |
| 57 |
Ныдэлъфыбзэм ик1уач1 - Къэк1ожь, Мухьдин, нанэ къыоджэжьы! Синэнэжъ ныо 1ушэу, къэбар 1отак1эм фэ1азэу щытыгъ Ащ зэгорэм мыщ фэдэ къэбар къытфи1отагъ, ыужым тхыдэ шъхьафэу стхынэу бэрэ сыгу илъыгъ, ау джы к1эк1эу къэстхыжьыни, сыгу згъэпсэфынэу тесыубытагъ Мухьдинэ блэк1ыгъэу к1элэ бзэджагъ, мэфэ рены... |
| 58 |
...м псыныбэм дэк1ыщтыгъэп, Щамсэдинэ янэ ылъапсэ исыщтыгъ. Шхэгъур къэсмэ псы нэпкъым техьати, ыш ц1ык1у еджэщтыгъ: - Къэк1ожь, Мухьдин, нанэ къыоджэжьы! Илъэсхэр теш1эхи, к1алэхэри л1ы хъугъэх Ау быныр зыдэк1уагъэм зыщызэрихъок1и, пшъашъэри къыдигъэк1уагъэп, фэш1ыгъэ к1алэм дихыгъ. |
| 59 |
Мухьдинэ шъхьак1ом ыстыгъэу султ1аным идзэ хэхьагъэу, ил1ыхъужъыгъэ пай ц1эры1о хэхъухьагъэу, анахь ч1ып1э щынагъо агъэк1уагъэми зэш1уихэу хэтыгъ. А лъэхъаным урысхэр болгъар хэгъэгум щызаощтыгъэх. Тыркудзэу Мухьдинэ зыхэтым ипэщагъэр Сулейман-пащэр арыгъэ. - Сидзэ хэт адыгэмэ анахь л1ыхъужъыр мэу къысфэжъугъак1у!. |
| 60 |
- унашъо ыш1ыгъ пашэм. Лъэтемытэу Мухьдинэ къагъэсыгъ. Сулейман ар ыш1эу щытыгъ. - Модэ, мо урысхэм къадэзаорэ адыгэр лъэтемытэу къысфэпхьыщт, - къыри1уагъ. Пашэм а зы гущы1эр т1о къы1оу ихэбзагъэп, зымыгъэцак1эрэм ищы1эныгъэ ыухыгъагъ. - Къыпфэсхьын, зиусхьан! - ы1уи, Мухьдинэ ишы ечэпауи, заом хэхьагъ. |
| 61 |
Ащ фэдэ 1аджи нахьыпэм зэш1уихыгъагъ. Ыпэ къифэрэр шым еомэ риутэхызэ, ыпэк1э мачъэ. Мухьдинэ адыгэ шъуашэр зыщыгъэу чатэр зыгъабзэрэм дэжь нэсыгъ. - Джыдэдэм къыхьыщт а зэуак1ор сиадыгэ батыр! - ы1уи пашэм инэрыплъэ нахь тыригъэлъэдагъ Ау ылъэгъурэр гъэш1эгъоны Адрэри къыбгъодэлъади зэжэхэбэнагъэх. |
| 62 |
Ет1анэ къыгъэзэжьыным ыч1ып1э пыимэ ахэхьагъ. Гъэры аш1ыгъэнэуи?! Пашэр к1ыфы къэхъугъ, тепк1агъ, къэхъугъэр амыш1эу игъусэхэр къечъэл1агъэх Шъыпкъэ, мы къэхъугъэр умыгъэш1эгъон умылъэк1ынэу щытыгъ Мухьдинэ пыим пэблагъэ хъугъэ, мэу 1ашэр къызщи1этыным, адрэр адыгабзэк1э къыдэгущы1агъ: - Нек1ожь, Мухьдин, нанэ къыоджэжьы!.. |
| 63 |
Мухьдинэ ынапэк1э, инэплъэ1уплъэк1э ыш1эжьыгъ ышэу Щамсэдинэ. Джаущтэу гъэрыхьэ к1уагъэр ежь гъэры хъугъэ. Адыгэ к1элэк1э шыу куп хъоу, ежь-ежьырэу дахэк1э урысыдзэм хэхьагъэмэ ащыщэу Щамсэдинэ дружинэу икомандир и1офтабгэу щытыгъ. Заор заухым ыш къыздищэжьи, чылэм къэк1ожьыгъэх. |
| 64 |
Зэрэхъугъэ шъыпкъэр зэшит1уми зыми къыфа1отагъэп, аушъэфыгъ, ц1ыфхэр зыдагъэхьащхынэу фэягъэхэп. - Джары, сик1элэ дахэх, - ыухыжьыщтыгъэ тинэнэжъ икъэбар, - адыгабзэр бэу лъэш, уимыгъэш1эн щы1эп... («Къэбар гухэк1» зыфи1орэ тхылъым къыхэхыгъ.) 1эшъынэ хьазрэт. Саусэрыкъо икъэхъук1. |
| 65 |
К1ахэ къэ1уэтэгъуэхэр. Абдзэхэ къэ1уэтэгъуэ. Сэтэнае 1эпц1э-лъапц1эу Пшызэ гы1як1о к1уагъэ. Нартымэ я1эхъоу Л1ып1эмкъо Зэрэт1ыжъым щэмыхэр Пшызэ къыригъэзыгъэх. Мо Сэтэнаер 1эпц1э-лъапц1эу псым дэсыти, 1ахъор къехъопсагъ. 1ялэу зэ1еплъыхьагъэм инэпс «Къыок1у, Сэтэнай!», . |
| 66 |
- ы1уи, мыжъоу Сэтэнаем ыпашъхьэ илъым къытри1ягъ. Ар мыжъом Сэтэнаекъытырихи, бзыуцыф т1эк1у горэм к1оц1илъхьи ыныбашъо ыч1эгъгъы1о1е тырипхъагъ. Къызэк1ожьым, пхъонтэ ц1ык1ь ыш1и, мо ныбашъом 1ипхэгъэгъэ нэпсыр дилъхьагъэ. Пхъуантэр ыгъэплъи, шэфыдэ къырищэ1и, псы хэмыхьэнэу ыш1и псым хидзагъ. |
| 67 |
Чэлэхъсэт пхъащэ зэк1ом, цухэр псы ригъэшъонэу цухэр дигъэзыхьи псым зыдэхьэм пхъонтэ ц1ык1ур ащ къыдигъотагъ, саем къытыринагъэу. Кушъхьэм къытырилъхьи, къыщи къэк1ожьыгъ. - Пхъонтэ ц1ык1ыр къэзгъотыгъ, дэлъыр ш1эрэп нахь, - ы1уи шъузым ритыгъ. Сэтэнаем ыш1эжьыгъ. |
| 68 |
Пхъуантэр зэтыраути зыдэплъэхэм, 1елэц1ык1ьыр ц1ыф теплъэ и1э хъугъэу, маш1ом хэлъэу алъэгъугъ. - Лъэпшъ дыи хьи къегъэпщэжь. 1ялэр мэсызы, - ы1уи Сэтэнаем Чэлэхъсэт Лъэпшъ дый сабыир ригъэхьыгъ. Лъэгонжит1ур 1адэм1е ыудыти, блэ ыпщэжьыгъ «Саусырыкъор» ц1эу къыфиш1ыгъ. |
| 69 |
Саусырыкъом икъэхъуи1ер джары. Зып1уагъэр Сэтэнай. Бжъэдыгъуэ къэ1уэтэгъуэ. Зы мафэ горэм Сэтэнэе-гуащэр псы 1ушъом гык1эу 1усыгъ. Нартымэ ячэмахъо адырэ псы1ушъом, нартымэ ячэмыхэр ыгъэхъоу 1утыгъ. Чэмахъор Сэтэнэе-гуащэм идэхагъэ ш1огъэш1эгъонэу къехъопсагъ. Лъэшэу бэрэ арэу къехъуапсэу къеплъыгъ. |
| 70 |
Зыфэмы1эжэу, Сэтэнэе-гуащэм дихьыхыгъэти, къекууагъ: - Къыфак1о, Сэтэнай! - Къырек1у! - ы1уагъ Сэтэнаем Чэмахъом ихъопсащэ Сэтэнэе-гуащэм ыбгъуджэ щылъыгъэ мыжъом къытефагъ Сэтэнае мыжъор ышти, хъэдан фабэм к1оц1ищахьыгъ Яунэ къыхьи, хьакум рилъхьагъ Мыжъом мафэ къэсыми хахъоу ыублагъ. |
| 71 |
Мэзибгъурэ мэфибгъурэ мыжъор щылъыгъ. Афэдизымджэ хахъозэ, мыжъор инэу бэгыгъэ. Сэтэнэе-гуащэр Лъэпшъ еджи къыщагъ, мыжъор зэгуиутынэу елъэ1угъ. Лъэпшъы мыжъор зэгуиутыгъ. Мыжъо к1оц1ым маш1ор къиустхъук1эу, шъэоц1ык1у къыдэзыгъ. Къефэхи, Сэтэнэе-гуащэм иджэнэ кок1ы къифагъ. |
| 72 |
Иджэнак1э пхыристык1и, ч1ыгум хэфагъ. Лъэпшъ гъуч1ы 1адэмджэ сабыим ыкопкъышъхьит1у пиубытык1и, блэ псахьыгъо ыпсахьыгъ. Ащ къыхэк1ыджэ к1элэц1ык1ум ышъо т1эк1у нахь шъабэу хъугъэ. Ащ тетэу, к1элэц1ык1ор ц1ыфы плъышъом къихьагъ. Ау ыкопкъышъхьит1оу гъуч1 1адэмджэ ыубытыгъагъэр ц1ыфы пкъышъолым фэдэу шъабэу къэнагъэх. |
| 73 |
Лъэпшъ к1элэц1ык1ум «Саусырыкъу» ц1эу фиусыгъ. Еджэркъое къэ1уэтэгъуэ. Былымхэр чагэм дигъэхьагъэу, нарт 1ахъожьым ежь зигъэпск1эу псым хэсти, мо шъузы дахэм 1эхъожъыр ехъопсагъ. Зехъуапсэм, нэпсыр къыш1у1эк1эк1ыти: - Къэк1о, Сэтэнэе-гуащ! - ы1уи еджагъ - Къэрек1у еблэми!. |
| 74 |
- ы1уагъ адырэм. Нэпсыр мыжъом тефагъ. Нэпсыр бзыуцыфк1э мыжъом тырихи, ыныбашъом дилъхьагъ. Мэзибгъо ыныбашъо дэлъэу нэпсыр Сэтэнэе-гуащэ зэрихьагъ. Мэзибгъу зытеш1эм, Сасырыкъо къэхъуи, л1ым римыгъаш1эу, шъэфык1э ч1ыунэм щып1угъ. Хьак1уцу къэ1уэтэгъуэ. Т1эк1уи рэлъэсагъэ, т1эк1уи рэгык1ьагъэ. |
| 75 |
Псэр псы фабэти, фабэфоу щытыти енэс1и: «Т1эк1у зэзгъэучы1этэн», - ы1уи зит1эк1ьи хэхьагъ. Псэр игу рихьыгъэу, ау ныджьым хэсызэ, натр я 1эхъо к1алэу Зэрт1ыжъджьэ зэджьэхэрэр. Ыхьы джы! Арэу плъэгъурэр къехъуапси, зэк1ьем къызэк1ьэблагъ, е1о А к1ап1ом айт1ор зэрэш1агъэх. |
| 76 |
Ай нэужьым Сэтэнэе-гощэ тхьагъэпс1ым ышъо к1алэ хидзи, мэзибгъо хэтыгъ. Ай фэдизым псэ зыпыты рэхъурэр ригъэш1агъэп. Арэу тхагъэпс1ыгъэ. П1алъэ зимы1э щы1энэ? - п1алъэр къэси Сэтэнэе-гуащэм шъао и1эрэхъугъэ Ыхьы джьы! К1алэр шъэфыджьэ ып1узэ, рэнэу шъэфыр шъэфы зэпытына!. |
| 77 |
Пстэуми макъэ я1уи, хъэбар зэлъаш1агъэ. - Шъы хъумэ! - а1уи натымэ яшъузыхэр къечагъэх, мыхъэр агъахъэ, шъы емык1у-шъыу мый къытиш1агъэр! - а1о Нартыхэр шъхьак1ощтапхэу щытыгъэх Ау Сэтэнэе-гуащэр а мэзибгъум хьаолыеу щысыгъэу огугъоя! К1эупк1эрэм ри1ожьынэу, акъылыгъэджьэ зэхьлъхьагъэу джэуап хьазырэу ыгу илъыгъ. |
| 78 |
Арыти, ай къари1уагъэр ары! Мыжъоу хъопсащэр зытефагъэр ядей къызехьым, мэзэ заулэ тэш1агъэу къызэгоути ай маш1ор пыустхъук1эу шъао къыдэзыгъэу, ет1уанэ натымэ ягъук1ьэ мыжъопсым хигъаозэ ригъэпсахьыжьыгъэу хьабз удым къари1уагъэу ары а1орэр Хьатикъое къэ1уэтэгъуэ. |
| 79 |
Псыхъом гык1эу Сэтэнэе-гощэ дахэр 1усыгъ. Псырык1 мэзым къы1ут мыжъоджадэм тесэу къаплъэрэ нарт чэмахъом ар къилъэгъуи, къехъопсагъ. 1аужы фэдэу зы чылъэпхъэ тк1опс псык1ы1упджэ къызыфегъачъэм, тк1опсэр Сэтэнаем ылъэгуч1эгъы ч1элъ мыжъом тефагъ. Мыжъом зытефэм, Сэтэнае а мыжъуапсэр къишти къихьыжьы, пхъотэрым дилъхьэжьыгъ. |
| 80 |
Мыжъор мэзибгъурэ мэфибгъурэ пхъотэрым дэлъыгъ. Ет1анэ Лъэпшъэу тикъанэр къак1уи мыжъор зэкъутэм, Саусырыкъор мэш1обзыеу къыдэфыти, Сэтэнаем ыкок1ы зефэм джанэр пхырижъи ч1ыгум тефэжьыгъ. Лъэпшъ-къаным гъуч1 1эдэджэ шъэожъыем ылъэгонджит1у ыубыти, псым блэ хигъэуагъ. |
| 81 |
Шаор ыпщэжь, ыгъэучъы1ыжьыгъ. Гъук1эм: «Саусырыкъджэр» шъуедж, ар ц1эу къыфэсэш1ышъы», - ы1уи к1элэц1ык1ур Сэтэнэе-гощэ дахэм къыритыжьыгъ. Шапсыгъэ къэ1уэтэгъуэ. Пщызэ псыхъо Сэтэнае гык1ак1о к1ощтыгъэ. Ащ нат ящахъо къак1оти, щызэ1ук1эщтыгъэх. Аузэ, ышъо к1алэ хидзагъ. |
| 82 |
К1алэр къэхъунджьэ мэзищ нахь имы1эу: - Сысымаджь сэ, - ы1уи ил1 Орзэмэджьы ри1уагъ. - Мэзихы нахь ш1эхэу сыхъужьыщтэп. Ар ы1уи к1ыунэм к1эхьажьи, к1алэр къэхъуфэ к1эсыгъ. К1алэр къызэхъу нэужым, тхьамафэ горэ тыригъаш1и: - Сыхъужьыгъэ сэ! - ы1уи къык1эк1ыжьыгъ Ежь ибыдзыщэ 1уигъэфагъэп. |
| 83 |
Быдзыщэ зи1эхэр дык1эсыгъэти рагъэшъуагъ. Орзэмэджь ук1ып1эм къырещыжьыфэ, к1алэ и1эми ыш1агъэп. Ет1уанэ быдзыщэ ыкъо рырагъэти Сэтэнае ыкъоджьэ Саусэрыкъо рагъэщтагъ. Ыбыдзыщэ римытыгъагъэемэ, л1ыджьэ енэс1ыжьыщтагъэу а1о. Къуэк1ып1э къэ1уэтэгъуэхэр. Беслъэней къэ1уэтэгъуэ. |
| 84 |
Зэхошъхьэху нарт ш1ып1э горэм къик1хэри, нарт шу гуп мы ди хэку хуэдэ горэм къэк1уахэт. Нарт Орзэмэджыр л1ы 1уш, л1ы пелыуану яц1ыхути, гусэк1э к1ыгъугъуху идежь къыдэхьахэт. Нартхэм зэряхабзу, тхьэмахо ходиз гупыр л1ым къихьэк1а: къилъытахэ, къигъэф1ахэ. Гупыр зэхэпсалъэри, к1уак1эу-къэк1уэжьык1эуи я1энум еусахэ. |
| 85 |
Зэгъэхьазырри гъогу техьахэ. Зы махо гъогу нэхъ къахомынэжьыху, езыхэр зэрызурэ гъэу1ущыджахэм тету зек1ону яубла: Орзэмэджыр зытес шым Фэехъук1эм (ик1э зыци темыту, джафэт) ипэм мыпырхъыным шъхьэк1э джари быду папхык1а, езыхэм яшыпэхэр папхык1э нэпц1у яшъа. Илъэситхум ик1оц1 Сэтэне-гуащэр Орзэмэджым игъэфыза. |
| 86 |
П1алъэм джы нарт гупыр къек1ол1эжьати, Орзымэджым ипсалъэ шъа къигъотыжьа. Сэтэнер Орзэмэджым гъум хохъуао, нарт гупым езыхэм ялъэныкъо къачэжьа. Сэтэнем мазэ зэулк1э к1алэ къыхохъуа, к1алэм «Сосрыкъо» къыхуауса. Къэбэрдей къэ1уэтэгъуэ. Сэтэней-гуащэ жьыщ1у псыхъуэм дэст. |
| 87 |
Нартхэм я жэмыхъуэ Сос зыхуа1эм жэм игъэхъуу псым адрыщ1к1э къы1утт. Сэтэнейр ц1ыхубз дахэт. Жэмыхъуэр абы къыщы1уплъэм, къехъуэпсащэри инэпсыр хуэубыдыжа1ым, ар Сэтэней бгъурылъ мывэм тыригъэхуащ. Сэтэней мывэр къищтэри хъыдан хуабэм к1уэц1ишыхьащ, унэм къыздихьри, ар жьэгугъуанэм ирилъхьащ. |
| 88 |
Жэмыхъуэм инэпсыр хъыдан хуабэм здык1уэц1ылъым хэхъуурэ ин хъуащ. Абы къыщыхъуа щ1алэм «Сосрыкъуэ» ф1ащ1ащ. Сосрыкъуэ и 1эпкъ-лъэпкъыр жыр хъуащ. Жыр гуэщ1ащэти Лъэпщ и к1ыщым яхьри блэ япсыхьэжьащ. Абы щыгъуэ т1эк1у нэхъ щабэ хъуащ. Шытхъунщ1. Шэщ бжэ1упэр джэгуп1э тхуэхъуащи, пщэдджыжьым жьыуэ дыкъыщолъэтри дызэрохь. |
| 89 |
Шэщымк1э псы1эрышэ блож, дзэлыгъуэм и жьауэм зыщигъэпщ1к1уауэ. Ди унэр хъуэш жыгишхуэм къыхэщыркъым - зыми дыкъылъагъунукъым, дызэранми. Ди анэр Истанбыл к1уащ - къытпэплъэн искъым ди унэ. Си къуэшым сэрэ - ар зы илъэск1э нэгъыщ1эт - ди шыгъашхэ л1ыжьым, Дударыхъу, дыкъык1эрык1ыркъым. |
| 90 |
Шым пэтщ1щы1экъым т1уми: сыт и уасэ шыр псафэ пшэныр! Хьэсэн и закъуэ шэсын мэшынэ ныджыри - аращ Дударыхъу шып1л1эм щ1ыдигъэт1ысхьэр Шыр псафэ къитшыжамэ 1энлъэм зэнтхъ идок1утэ, шхалъэм мэкъу дыгъэлыр дэз дощ1, шэщыр къыдотхъу Псом хуэдэж шыр птхъунщ1ыныр! Уемыгуауэ закъуэ. |
| 91 |
Шытхъунщ1ыр Псэбыдэ и тхыц1эм дызолъэ. Шым и тхьэк1умэр зэблегъэплъ. - Ик1эр игъэк1эрахъуэрэ Псэбыдэ? - соуп1щ Дударыхъу - Егъэк1эрахъуэ - Сеплъынти Зызогъэзэк1, арщхьэк1э шым и к1эр слъагъуркъым: шы тхыц1эм сыкъытэщ къудейщ, шык1эр дэнэ щыслъагъун! - Пхуэтхъунщынкъым. |
| 92 |
- Сыт щ1ысхуэмытхъунщ1ынур? - Уи ныбжь нэсакъым Уц1ык1унит1эщ - Схуэтхъунщ1ынущ! - Зэ укъытримыч Нэхъ укъыдэк1уэтеймэ - Дапщэщ сыкъыщыдэк1уэтейинур? Иужьрей упщ1эм жэуап кърит хабзэтэкъым Дударыхъу Шыр зэрыстхъунщ1ыр игу ирыхь хъунтэкъым: сыц1ык1унит1э пэтми, гу лъыстэнтэкъэ абы!. |
| 93 |
Шы ныбэгум сыщ1эуэ къудейщ. Шыми ищ1э хъунщ сызэрыц1ык1унит1эр: щыстхъунщ1к1э, и тхьэк1умэр егъэк1, хопырхъык1, зобэдзауэ, щыпхыук1и къохъу. Дударыхъу бзэ къызыхуимыгъуэтын щы1э! Шым зыщихъунщ1эк1э, и тхыц1эм телъэщ1ыхьурэ трегъэужь, йодэхащ1э Дахэр хозагъэ Псэбыдэ!. |
| 94 |
Тоужри, шхалъэм йоувэл1еж. Шэщым си закъуэ сыкъыщ1энащ зэгуэрэм. Хьэсэнрэ Дударыхъурэ псым к1уат. «Шыр стхъунщ1ынщ», - жыс1ащ, - «ахэр къэсыжыхук1э». Щытхъунщ1ым солъыхъуэри, зыгъуэтыркъым. Шэщым пыхук1ауэ, къуэдзап1э и1эт Дударыхъу. Абы сыщ1ыхьащ. Шы 1эпслъэпсхэм сахэплъащ - шытхъунщ1ыр яхэзгъуэтакъым. |
| 95 |
Дэнэ щигъэпщк1уар? Пл1анэпэм дэт пхъэ гъуэлъып1эм и щ1агъым пхъуантэ удзыфэм дэлъщ, дауи Пхъуантэр гъуэлъып1э щ1агъым къыщ1эслъэфри зэтесхащ - дэлъщ! Шытхъунщ1щ1эрыпсщ, ди анэм Истамбыл къыхуригъэхащ Щытхъунщ1ыр къэспхъуатэри, Псэбыдэ сыбгъэдэлъэдащ Сызыбгъэдигъэхьэкъым!. |
| 96 |
Елъэкъуэуащ, зри1унт1ыхьащ. «И щ1ыфэр згъэуз хъунщ», жыс1ащ сигук1э. Шытхъунщ1ым и дзэм сеплъащ: жаныбзэт, цыпхыдзэ хуэдэ! Шытхъунщ1ыр мэлыд, дыжьыным къыхэщ1ык1а ф1эк1 пщ1энуркъым « И дзэр 1узгуэнщ» - жыс1эри, шытхъунщ1ыр мывэ блыным щысхъуащ «Дзагуэ хъуащ иджы», - жыс1эри, шым сахыхьащ. |
| 97 |
Зым сызбгъэдигъэхьакъым! Зыкъысхуагъэгуса ф1эк1 пщ1энукъым: зырагъэзэк1ри мэпырхъэ, я тхьэк1умэр зэблагъэплъ Шытхъунщ1ращ зи лажьэр! Сыхурикъункъэ шытхъунщ1ым Шэщым ибгъук1э мывэ хьэкхъуафэ щылът Хьэкхъуафэм ислъхьащ шытхъунщ1ыр, суп1эщ1ыху сык1эрык1акъым Суп1эщ1ри, хьэкхъуафэм издзэжащ шытхъунщ1ыр. |
| 98 |
Лэжьак1уэ щык1уэк1э, шэщым ныщэплъэ и хабзэт ди адэм. А пщэдджыжьми ныщ1эплъащ. Си закъуэт шэщым щ1этыр - Хьэсан къысхуэгъэушакъым а пщэдджыжьым. Хьэкхъуафэм илъ шытхъунщ1ым гу лъитащ ди адэм. Шыгъашхэм еджащ: - Дударыхъу, мыдэ къак1уэт! Си псэр 1ук1ынтэкъэ - си щхьэфэцым зрисащ. |
| 99 |
Л1ыжьым шытхъунщ1ыр зэпеплъихь, и дамэр дрегъэуей - зыри къыгуры1уэркъым. - Хэт зыкъутар? - Дэнэ щысщ1эн? - жи1эщ л1ыжьым - Гъуэлъып1э щ1агъым щ1эт пхъантэм дэлъащ Ди адэр къызжьэхэплъащ И жьэр зэщ1езгъэхакъым - япэ зыкъизгъэщащ: - Хьэсэнщ, - жыс1ащ, щхьэр щ1эзгуауэ. |
| 100 |
- Хьэсэни? - 1ь Дударыхъу и къуэдзапэм дыгъуасэ щ1эхьэри шытхъунщ1ыр пхъуантэм къыдихащ, хьэкхъуафэм ирилъхьэри иуп1эщ1ащ - Дударыхъу щьхэ жумы1арэ ар щыплъагъум? - Жейти къэзгъэушакъым - Къеджэт мыдэ а зи 1эпэлъапэ шхэр! Пщ1ант1эм сыдэлъэдэжри, Хьэсэн сэджащ Ц1ыху т1к1ийт ди адэр, къоплъамэ уи п1эм уит1к1ухьырт. |
| 101 |
- Пц1ы бупсмэ, узук1ынщ - зыбгъэдишащ Хьэсан. - Супсынкъым. - Пэжыр къызжэп1эмэ, уи гугъу сщ1ынкъым. Пц1ы уупсыным нэхъ 1ей зэрыщымыар зэгъащ1э! И псалъэм тэк1акъым Хьэсэн: - Сэракъым шытхъунщ1ыр зыкъутар Зыкъутар сщ1эркъым Ди адэр тэмакък1эщ1къэхъуащ: - Тхьэр нахуэу уогъэпц1!. |
| 102 |
- Ар жэри си шынэхъыщ1эм и нэк1ур щ1ихулик1ащ. - Дударыхъу, шэщым аф1эк1а щ1умгъэхьэ мыр. Унэм щ1ырырес. Л1жьым си шынэхъыщ1эр къищтэри унэм ихьыжащ, зэщыджэу гъыуэ. Хьэсэн шэщым нагъэк1ужакъым абы иужьк1э: унэм щ1аубыдащи, дунейим къытрагъэхьэркъым. Ди анэм и пщ1ыхьэп1и къыхэхуэркъым Хьэсэн п1ц1ы теслъауэ. |
| 103 |
Шы теувэу шытхъунщ1ыр и къутауэ шэч щащ1ай щы1эщ. Шы теувэк1э шытхъунщ1ыр хуэуп1эщ1ын? Сэри зызусыжыркъым, си шынэхъыщ1эращ зытралъхьар Къык1элъык1уэ гъэм и гъэмахуэм ди анэр Истамбыл к1уащ аргуэру Ди закъуэ дыкъэнащ Хьэсэн шэщым к1уэн хуадэртэкъым иджири Си шынэхъыщ1эр сымаджэ хъуащ. |
| 104 |
Къалэм къик1а дохутырым, Хьэсэн еплъри жи1эщ: - Гъуэжь узщ. Унэм исхэр зэхэзэжэ гъуащ. Ныбгъэ яук1ри, лы ц1ынэр Хьэсэн и тэмакъым тралъхьэ. Ди адэр Хьэсэн къыбгъэдэк1ыркъым, и п1э тесщ. Дударыгъ нэщхъей зэпытщ. Ди унэ1ут ц1ыхубзыр магъ, щ1ичэркъым. - Щхьэ угърэ? - сеупщ1ащ унэ1ут ц1ыхубзым. |
| 105 |
- Уи къуэшыр сымаджэ хьэлъэщ. - Хъужунукъэ? - Хьэуэ хъужунукъым - Сыт къэхъунур - т1э? - Уи къуэш ц1ык1уыр л1энущ - Л1энущ жып1а? - сэри согъ, сыкъыщиудауэ Хьэсэн зэрысымаджэм щхьэк1э, ди унэ1ут ц1ыхубзыр щыжей пэшым сыщагъэгъуэлъат сэ Жэщ хъурэ сыгъуэлъыжамэ, хьэсэн си нэгу щ1эк1ыркъым. |
| 106 |
Гъыуэ къызбгъэдэт хуэдэщ: «Пц1ыупс! Пц1ыупс!» Зы жэщ ди унэ1ут ц1ыхубзыр къэзгъэушащ: - Хьэсэн дэж сык1уэнущ - Сыт щхьэк1э? - игъэщ1эгъуащ унэ1ут ц1ыхубзым - Ди адэм зыгуэр жес1эн хуейщ - Сыт жеп1энур? - Шытхъунщ1ыр сэ зэрыскъутар жэс1энущ - Сыт шытхъунщ1? - Нэгъабэ пщ1эжыркъэ?. |
| 107 |
Хьэсэнщ зытралъхьар. Ди адэр ешхыдащ... Аф1эк1а схужы1эжкъым: сыкъыщиудауэ согъ, п1эк1ум сисщи. Зэрыхъуар жэс1ащ ди унэ1ут ц1ыхубзым. Зызумысыжмэ, ди адэм и ф1эщ1 хъункъэ? Хбэсэн лажьэ и1экъым, - ар жэс1энщ ди адэм Сэращ зи лажьэр - Нэху щымэ жеп1энщ Жьэщыбг хъуа къудейщ. |
| 108 |
- Хьэуэ, ныджыпсту сык1уэнущ! - Уи адэр мэжей иджыпсту Къыумыгъэуш Пщэдджыжь жэп1энщ - Хъунщ - т1э Си нэбдзып1э зэтэслъхьакъым а жэшым Нэхулъэ къищ1а къудейуэ, ди унэ1ут ц1ыхубзыр къэзгъэушащ Зызусыжынуси, сыкъытреч Зызумысыжмэ, си п1лъэм дэлъ хьэлъэр дэхужынущ Си шынэхъыщ1э ц1ык1ум и псэр хэк1ащ а жэщым. |
| 109 |
Щэныбэ Хьэжгуащэ И Гъыбзэ. Диярбэчыр гъуэгур уи нэшэ къашэщ, ералыхь, Си насыпыншагъым, сэрмыгъуэ дыдэ, Ералыхь, курдыр къысхуиша мыгъуэщ, ералыхь! Л1ыгъурхьэблэ губгъуэр, рэууи, Зэрыпсынэншэ мыгъуэ, ералыхь, А залымым и шэри, сэрмыгъуэ дыдэ, Ералыхь, адыгэ унэм къытихуэ, ералыхь!. |
| 110 |
Л1ыгъур Чыкъалми, рэууи, Чалымыр къещэ мыгъуэ, ералыхь, Бан1кънот щийк1эрэ, сэрмыгъу дыдэ, Ералыхь, курдым сыраща мыгъуэщ, ералыхь! Уэр ди къуажэ щ1алэхэр, рэууи, Джэгум зэдок1уэ мыгъуи, ералыхь, Ядэмык1уэжынри, сэрмыгъуэ дыдэ, Ералыхь, курдым къыхуук1уэ мыгъуэ, ералыхь!. |
| 111 |
Ар ди къуажэ хьэжьхэр, рэууи, Къызэдобанэ мыгъуэ, ералыхь, Ар сыкъибэнык1ыурэ, сэрмыгъуэ, дыдэ, Ералыхь, Диярбэчыр сашэ мыгъуэ, ералыхь! Жылэ анэ-адэми, рэууи, 1эуладыр къащтэ мыгъэ, ералыхь, Ар си анэ-си адэми, сэрмыгъуэ дыдэ, Ералыхь, ахьшэ нэхъ къащта мыгъуэщ, ералыхь. |
| 112 |
Шэджэрокъуэ. Шэджэрокъуэти Шэджэрокъуэтхъуэт лоутхъуэжь гущэ, уэй маржэ, лъэгуажьэф1ыц1эт. Фоч ф1ыц1эжьыри къантэлоут зи лоужь гущэр, уэй маржэ, мэзк1апэрыплъэт. Зи гъусэбэмэ пэмыплъэжар Вытхьэк1умэ икъуэт, уэй маржэ, Къэниболэт. Чэрнэморэу мы ди щхъуэжь къомыр зимыуасэк1эрэ, уэй маржэ, здыдогъэк1уэдыр. |
| 113 |
Щ1эдгъэк1уэдыри диадэкъуэшти Вытхьэк1умэ икъуэт, уэй маржэ, Къэниболэт. Дэ Лабэжьымэ дыщыдэсам матушк1эжь гущэхэр, уэй маржэ, ди саугъэтти. Мы Алмыжьымэ щидгъэзэк1ыжым къэзакъ сотнэ гущэр уэй маржэ зытыдогъак1уэр. Дэ пхъэрышхуэри къыщытк1элъык1уэм жыр мащтэ гущэм, уей маржэ, зыхузогъадэ. |
| 114 |
Сэ схуэмыдэурэ зэзмыпэсам синэщ1ыбагък1эрэт1э, уэй маржэ, зыкъысщегъэпщк1ур. Сэ схуэмыдэурэ зэзмыпэсам мы си пащхьэм гущэм, уэй маржэ, зыкъыщегъал1э. Дарийуэрэ си джэнхъурейр шырыкъу лъапэк1эрэ, уэй маржэ, схузэхачатхъэ. Сэ уэркъ щауэхэм захуэскдэтхъэнут мы си пащхьэ гущэм, уэй маржэ, измыгъуэтэж жи... |
| 115 |
Зэгуэрым, мэз к1уауэ, мей жыг ирихьэл1ащ л1ыр, жыгым мы къыпыщэщати, ар къыздищыпым, мащэ куу къы1эщ1элъэгъуащ. - Къэсхьынщ жып1эмэ, мейр щыбгъуэтынур мыпхуэдэм дежщ, - жери мейр къыщигъуэтынур къыжри1ащ. Л1ым деж к1уэри жра1ащ: - Уэ благъуэм и хьэтыр плъэгъуащи, уи хьэтыри къилъагъужынщ: псыр къытхуегъэут1ыпщыж. |
| 116 |
Абы къыхэк1к1э, а хэкущми къызэрыща1уэтэжыр, к1эщ1у нэхъ мыхъуми, къыжыт1эн хуей мэхъу: Хьэхъупащ1э Амырхъанрэ Тхьэгъэлэдж К1ырурэ къа1уэтэжа хъыбарым зэрыжи1эмк1э, адэ ижь зэманым зэгъунэгъуу, псэуа къуажит1ым ф1ыуэ зэрылъагъуу зэныбжьэгъуит1 дэст. Щ1ым къэса закъуэмэ, ди анэжь тхьэмыщк1эри уэр и бынжэпыбзкъэ. |
| 117 |
- Екъубу хахуэмэ тетым и л1ык1уэхэм яжыре1э: - Шхэн сыухакъыми, си 1уэху зэф1эк1мэ, сынэк1уэнщ, жи. Тетыр къок1уатэри ауэ щыт гупмэ яжьэхолъэ: - Уэ ф1ыц1э ц1ык1уурэ Дохъутэмыщ майормэ и псэ лъыхъур! Нанэ къызэри1ожьыщтыгъэмк1э, т1олъфэныкъо зэшит1у - Мухьдинрэ Щамсэдинрэ а1оу зэманым тичылэ дэсыгъэх. |
| 118 |
Мухьдинэ лъэгъун зыфри1э пшъашъэр ышыхэм ягъусэу Стамбол ик1ыжьы зэхъум, Мухьдини зыкъыщаригъэнагъэп, сыд ра1уагъэк1и яни ыши ядэ1угъэп. Мафэ горэм урысхэмрэ тыркухэмрэ зэзаохэзэ Сулейман-пашэм нэрыплъэр тыригъэлъади зэплъэм, адыгэ шъуашэр зыщыгъ дзэл1 горэ урысхэм ахэтэу пхъашэу къэзао, тыркухэр къеупк1атэ. |
| 119 |
Мухьдинэ исэу къихыгъэр къы1этыгъэп, зэрэчъэрэм тетэу пый пашъхьэм къыщызэтеуцуагъ. Сэтэнэе-гуащэр нартымэ ягощэ гъэш1онэу, гощэ ебгэ щхъуахьэу, упк1эжьэгъу рахьыл1эжьэу ары къызэра1отэжьырэр. Зэгорэм, мафэ рэнэм рэдагъэу, рэпагъэу щытыти, и1эп1эхэр, идэн-бзэнхэр дэнылъэм ридзэжьхи Пщызэ рэк1уагъэ. |
| 120 |
Т1анэ, унафу як1эмк1э Орзэмэдж къаупш1а: - Сэтэне-гуащэ тчэну, тхьыну дыкъуэк1уа - къыджыра1эри, гъусэк1э зэрэк1эгугъхэри къылъагъэ1эса. Езы гупыр гъогум щыгъуазу щыттэкъым абы шъхьэк1э джыр ягъусэм яджэгъуа. Ао, т1ани-ару гугъап1э хуашъу щыт пэтми я дзыхь к1эгъужьа пшъашъэм игу щырихьк1э - ятрихыжьын щычынэху щыта. |
| 121 |
Илъао я гъогупэ ирагъэхъурэ, Фэехъук1э жьыи-псыи къичэ имэлъэк1ыну къошъо щолъырк1э быдэ дыду папхык1ати - зэгоуда! Орзэмэджу плъагъур, игу хэк1 иш к1элъырысурэ, нарт гупыр пшъашъэм де нэса, хъунк1эк1эри ирагъэжьа Орзэмэджым иш хьадэ къызэк1оц1ыпхэри, ипл1э1у къырилъхьэри гупым к1элъык1ожьа. |
| 122 |
Лъэгап1эм Сэтэнер тести, къидыгъу ипшъэм къыдигъэт1ысхьэри, Орзэмэджыр къежьэри яде къэк1ожьа. Орзэмэджым де къек1ол1эжьа шу гупыр тхьамахо горэм иджыри дэсыжьа. - Сэ сиш иуасэ Нарт хэкум илъкъым, ар зф1эк1ода Сэтэнер илъэситхук1э сиде щырыре1а. Дударыхъу шытхъунщ1ыр къищтэрэ шым еувал1эмэ, сыщохъэ: - Сэ сыгъэтхъунщ шыр!. |
| 123 |
Дударыхъу се1этри, шым и тхыц1эм сытрегъэзагъэ, щытхъунщри къыс1эщ1елъхьэ: - Тхъунщ1. Аращ пщэдджыжь къэси: шэщым сынэсакъэ - л1ыжьым сыщохьэ: - Шыр сэ сыгъэтхъунщ, дадэ! Си ужь ниувэри, шэщым нэжащ Хьэсэн: ди адэр къыщ1еджар дэнэ щищ1энт! Ди адэм и закъуэ: ди анэм и жьэри к1эригъэк1ыркъым Хьэсэн: «Упц1ыупсщ» - жэри. |
| 124 |
И напэ зэрыщ1ахул1эк1ар игу техуэнт Хьэсэн: Къыхохъыщтэри, зэшыджэу магъ - щ1эх яхутеужыркъым, едэхащ1э щхьэк1э. Жэщ хъурэ дыгъуэлъыжамэ, Хьэсэн къызоуп1щ1: шыр псафэ пша ноби, шыщэхэр ин хъуа, Псэбыдэ зихъунщ1эрэ щытхъунщ1к1э? Бжэ1упэм Дударыхърэ къуажэ ефендымрэ дащрихьэлъащ - т1уми я нэпсыр къыщ1ож. |
| 125 |
Л1ыр щыщхьэщыхьэм, гу къылъитэри, благъуэр мащэм къипсэлъык1ащ: - Тхьэм и нэф1 зыщыхуэн, мы мащэм сыних, мы фызым сы1эщ1эмы-к1уадэ щ1ык1э! «Зым къуэ и1э хъумэ, адрейм пхъу и1э хъумэ, зэрыдгъэшэнщ, ди ныбжьэгъугъэр нэхъри быдэ хъун щхьэк1э» жа1эрт Щ1алэм зи гугъу ищ1ар езыр зыпылъу къишэн и мурада я къуажэ дэс Гуащэмахуэт. |
| 126 |
Арати, пасэрей хабзэм тету къылъыхъури иратащ, нэчыхьри ятхауэ, щашэну п1алъэри къратауэ дэсу, мыдрей япэ пылъа Джэтэгъэжьыр щ1егъуэжащ: «Сэ си къэшэныр сыт щхьэк1э еста си ныбжьэгъум», - жи1эри. Си ныбжьэгъу, си ц1эджэгъу къэк1уауэ пщащэу ди жылэ дэсхэм яхэплъэнущи, уэ зы1эжьэ, сэ сыхуейкъым абы укъезгъэлъэгъуну!. |
| 127 |
Пщэдджыжьым жьыуэ Джатэгъэжьит1ыр къэтэджщ, затхьэщ1щ, захуапэри, къуажэ хъыджэбзхэр псыхьэ зэрыдыхьэ-къызэрыдэк1ыж лъагъуэм и гъунэгъуу хадэ к1уэц1ым къит1ысхьащ. Къуажэм хъыджэбзу дэсыр псыхьэ щыдыхьэми, къыщыдэк1ыжми гупсэхуу Хъырзэдж Джатэгъэжьыр яхэплъащ, ауэ игу ирихьын яхилъэгъуакъым. |
| 128 |
Щ1алит1ым къагъэзэжщ, пщэдджыжьышхэ зэдащ1ри, хьэщ1эр щышэсыжым, зэрыхабзэти, бысымри дэшэсащ и ныбжьэгъур къуажэщ1ым ик1ыжыху дэк1уэтэну. Шууит1ыр къуажэ уэрамым къыдыхьауэ къыщрик1уэм, Гуащэмахуэ псы къихьу къэк1уэжу зэ1ущ1ащ. - Уа, си ныбжьэгъу, нышэдибэ дызыхэплъа хъыджэбзхэм яхэтакъым мы хъыджэбз дахэр?. |
| 129 |
- Нак1уэ, къыбдэк1уэну щытмэ, сэ зэран сыхъункъым, - жи1эри, Гуащэмахуэ я унэ зэрыдыхьэжу шууит1ыр к1элъыдыхьащ. «Уэ укъысхуэмеижу, хьэщ1эм сыщыхуэпшияк1э» жи1эщ игук1и, «хъунщ сыарэзыщ, къэгъак1уэ лъыхъухэр, хабзэк1э сыбдэк1уэнщ! Зы махуэ гуэрым зы Джатэгъэжьыр и ныбжьэгъу Джатэгъэжьым деж къэк1уати, дэмысу кърихьэл1ащ. |
Комментарии